- зэпкърылэлын
- (зэпкъролэл) неперех. гл. 1. расшататься (о чем-л. )/ ФIыуэ зэрымыIыгъыу, зэщIэхъаеу щыфтын.* Гущэжь зэпкърылэлым хэлъ сабийр щIигъэхъейуэ фызыжь цIыкIур бгъэдэст. фольк.2. переносное раскинуть, расслабиться/ Iэпкълъэпкъыр зэщIэмыкъуауэ, лалэу, зэфIэмыхьэу щытын.* Аслъэн шырыр сабырт, зэпкърылэлу щытт. Iуащхь. И щхьэ къыфIэхуауэ и пщэ зэфIэлIауэ зэпкърылэлырт, цIыхухъу хьэлщ жыхуэпIэн нэщэнэ гуэри дэплъагъуртэкъым {Жорэ}. Iуащхь.
Словарь Кабардино-Черкесского языка. 2014.